Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ ПщIэ зыхуэтщI КIуэкIуэ Къазбэч
Лъэпкъ, бзэ, тхыдэ – мы Iуэхугъуищыр зэкIэщIэхыпIэ ямыIэу зэпхащ. Тхыдэрэ бзэрэ зимыIэ лъэпкъ щыIэкъым. Ауэ ахэр зытраха, зыпаубыда, зимыIэж лъэпкъыр хэкIуэдыжынущ.
Адыгэм и тхыдэмрэ и бзэмрэ егъэфIэкIуэным, блэкIамрэ нобэмрэ зрипхкIэрэ, лъэпкъым и дунейр хъумэным елэжьу ди Хэкужьым - Къэбэрдей – Балъкъэр щIыналъэм щыIэ щIэныгъэ – къэхутакIуэ институтыр зэхуащIыжыну иужь зэритым, лъэпкъ тхыдэм, бзэм, щэнхабзэм, литературэм и лэжьакIуэхэу, щIэныгъэлI лъэщхэу диIэхэм я унэхэмрэ я лэжьапIэхэмрэ зэрыщIапщытыкIам и хъыбар жагъуэр къытIэрыхьащ. Абы дэ хуабжьу дигъэгумэщIащ.
Иджыпсту хыхьэпIэ-хэкIыпIэу яIэ бэджыхъ зэпыщIэныгъэр (интернетыр) къагъэсэбэпкIэрэ, щхьэусыгъуэ нэпцIхэр къыхуагъуэтурэ лъэпкъылIхэм я цIэр ягъэпудыну иужь зэритыр псоми къыдгурыIуащ.
Апхуэдэ бзаджэнэджагъэ зезыхьэхэм пэувыфыну дызыщыгугъыр уэращ. Лъэпкъ тхыдэм и зэгъэзэхуэжыным, щIэблэм бзэр къахузэтенэным хуэлажьэ институтым, абы и щIэныгъэрылажьэхэм я напэр трахыну, хуэмыфащэ хужаIэурэ я цIэр ягъэулъииным иужь итхэр къэгъуэтауэ жэуапым ешэлIэн хуейуэ къыдолъытэ. Тхыдэм, щэнхабзэм, анэдэлъхубзэм елэжьхэм нобэ щIэгъэкъуэнрэ я щхьэр зыхъумэнрэ ямыIэмэ, а псор щызэрагъакIуэ лъэпкъ институтыр зэхуащIыжмэ, пщэдейм къытпэплъэр зыщ - лъэпкъыр дыщыIэжынукъым, дыкIуэдыжынущ.
Зы щIыпIэм дыщымыпсэуми, адыгэ псоми гурыфIыгъуэу диIэ Хэкум щыIэ щIэныгъэ – къэхутакIуэ институтыр псэун зэрыхуейм, абы и лэжьакIуэфIхэм я гъащIэм зэрыхуэсакъыпхъэм мы ди лъэIу тхылъыр тегъэпсащи, пщIэ зыхуэтщI Къазбэч, дынолъэIу, дыкъомыгъэщIэхъуну, лей зезыхьэхэм я цIэхэр къыщIэбгъэщыну. Къэрал щIэныгъэм и зэфIэкIыр инщ, лъэпкъым зыужьыныгъэ игъуэтынумэ, фIыр хъумэн, зегъэужьын хуейщ.
Гугъуехь куэдым пхыкIа, куэдыр зи нэгу щIэкIа ди лъэпкъ зэбгрыдза хъуам, гугъапIэу яIэр Хэкужьырщ. Ар зыхъумэ, абы хуэлажьэ, езыгъэфIакIуэ ди щIэныгъэлIхэр, тхыдэджхэр, бзэм и лэжьакIуэхэр гузэвэгъуэ зыхэхуам Iэмал имыIэу къыхэшын хуейщ. ЩIэныгъэлIхэр хэзыутэу къекIуэкIхэм я мурадыр зыхуэгъэпсар, лъэпкъым и къарур хуэмурэ щIэгъэкIуэсыкIынырщ, адыгэр псоми яхэгъэшыпсыхьыжыныращ. Зэман кIыхь лъандэрэ зы пIэмрэ зы щытыкIэмрэ иту зызыужь ди адыгэ щIэныгъэм апхуэдэу удэджэгу хъунукъым. Иджыпсту екIуэкI Iуэхугъуэ мыщхьэпэхэм гъуэгу игъуэтмэ, ди адэжьхэм тхуахъума псори хэкIуэдэжмэ, дыкъэсэхыжауэ аращ.
Адыгэбзэращ лъэпкъ щэнхабзэм и хъумакIуэри, ар ижь-ижьыж лъандэрэ нобэм къэзыгъэсари, япэкIэ зыгъэкIуэтэнури. Адыгэбзэр мылажьэмэ, лъэпкъым и цIыху псоми яIурымылъмэ, зиужьынукъым, абы нэхъ шынагъуэжыращи, иджыпсту дунейм щекIуэкI, псори зэщхь зыщI Iуэхугъуэм хихьэжэнущ.
Лъэпкъым бгъэдэлъ зыужьыныгъэм, щIэныгъэм, тхыдэм, щэнхабзэм я къыщIэдзапIэр анэдэлъхубзэращ. Адыгэбзэр фIыуэ ялъагъуу, я анэдэлъхубзэм къабзэу ирипсалъэу щIэблэр къэгъэтэджыным хуэунэтIауэ институтым и щIэныгъэлIхэм зэхалъхьэ тхылъхэр щымыIэжмэ, ди адэжьхэм я нэлатыр къыттехуэнущ.
Лъэпкъым и блэкIари и нобэри къэзыгъэлъагъуэу, и тхыдэр, хабзэр, къэкIуэну щIэблэхэм яхуэзыхъумэу щыIэр лъэпкъ институтыращи, гулъытэ хуэфщIыну, тхуэфхъумэну дыныволъэIу.
ШОДЖЭН Фарук Арсландок,
Адыгэ демократ партым и Тхьэмадэ
24.11.2022 гъ