Адыгэ лъэпкъым хэщIыныгъэшхуэ игъуэтащ. Мыгъэм (2022) шыщхьэIум и тIощIым дунейм ехыжащ ди ныбжьэгъуфIу щыта Шэшэн МуIэед. Зэчий лъэщ зыбгъэдэлъ уэчылыфIу, къэрал мылъку зэгъэзэхуэнымкIи IэщIагъэлI  Iэзэу лэжьа  МуIэед, Хэкум нэмыщI,  адыгэ щыпсэу щIыналъэ куэдми къыщацIыхурт. ЦIыхугъэ лъагэ зыхэлъа хэкупсэ нэсу дунейм тетащ Шэшэн МуIэед. Апхуэдиз илъэс бжыгъэкIэ ныбжьэгъу пэжу диIам, чэнджэщэгъуфIу, унэтIакIуэу, гъуэгугъэлъагъуэу дапщэщи дгъуэту щытам, блэкIа зэманым иту утепсэлъыхьыну  икъукIэ хьэлъэщ. ЛIыгъэ хэлъу, къикIуэт имыщIэу, захуагъэм, пэжыгъэм дапщэщи я телъхьэу псэуащ ар.  Шэшэн МуIэед ящыщщ иужьрей лIэщIыгъуэм адыгэлI нэхъыфI дыдэу щыIа мащIэм. АдыгэлI нэсым и хьэл – щэн  псори зэхуэхьэсауэ МуIэед  нэрылъагъуу хэлът.  Бгъэдэлъ щIэныгъэмрэ зэфIиха Iуэхугъуэ инхэмкIэ ар хуэбгъадэ хъунущ лIыхъужь щэджащэхэм, нэгъэсауэ адыгэлI зыхужаIэу щытахэм. ЦIыху лэжьакIуэшхуэр, юрист Iэзэр, щIэныгъэфI зыбгъэдэлъыр Къэбэрдей – Балъкъэр Республикэм Адыгэ жылагъуэ зэгухьэныгъэхэр зэщIэзыгъэуIуэ советым  и къызэгъэпэщакIуэ хъуат.   ГъащIэм къигъэув упщIэ куэдыр а IуэхущIапIэм   щызэфIахырт: хэхыныгъэм, щIым епха лэжьыгъэхэр,  къэралкIуэцI Iуэхухэм хуэгъэзауэ зэфIэгъэкIын хуей  унэтIыныгъэхэр.  

Адыгэ лъэпкъыр хэмыкIуэдэжу, зиужьу, нобэрей гъащIэм хуэфащэ увыпIэ щиIыгъыу дунейм тетыныр куэдкIэ елъытащ ди щIэблэм адыгэбзэр яIурылъу,  адыгэгу якIуэцIылъу, адыгэпсэ яIуту къэгъэхъуным. И зэфIэкIи, и мылъкуи, и зэмани жумарту  щхьэузыхь хуищIу адыгэбзэр хъумэным теухуа Iуэхугъуэхэми   емызэшу ар  телэжьащ.  Куэд дыдэ хуищIэфащ ди лъэпкъым и зэIузэпэщыгъэм.   Адыгэм и гъащIэм  епха дэтхэнэ упщIэм и зэфIэгъэкIыным къимыкIуэту пэщIэувэрт,  къаруушхуэ  хилъхьэрт.  И хэкIыпIэ хъунухэр  зэригъэзахуэу, зэригъэуIуу, Iущагърэ шыIэныгъэрэ хэлъу фIэкIа  зы  лъэбакъуэ ичынутэкъым. Къалэн и пщэм дилъхьэжар и кIэм нимыгъэсауи къэувыIэнутэкъым. Адыгэм папщIэ псэуащ ар, цIыхугъэшхуэрэ зэхэщIыкIрэ хэлъу, къызыхэкIа лъэпкъ уардэм хуэфэщэн хабзэ дахэрэ нэмысрэ зэрихьэу.

Сыт хуэдэ лъэпощхьэпо хуэмызами, ар пхыкIыфащ пщIэрэ щIыхьрэ иIэу, и щхьэми, цIыхуми емыпцIыжу, егъэлеяуэ хуэпэжу. Абы и унафэм щIэту  а зэгухьэныгъэм ирагъэкIуэкIа лэжьыгъэхэр апхуэдизу  и мыхьэнэр инщи,  абы пкърылъа купщIэшхуэмрэ щхьэпагъэмрэ дяпэкIэщ цIыхум щызэхащIэнур. Сыт хуэдэ  лэжьыгъэри зыубзыхуу  тхылъ зыщIыжыр езырат. Дэфтэр хъумапIэм щагъэтIылъам  хуэдэу, а тхылъхэри екIуу МуIэед зэгъэзэхуауэ зэрихьэрт.  Зэманыр кIуэтэху, нэхъ наIуэ икIи нэрылъагъу мэхъу  МуIэед зэфIэкIыу бгъэдэлъахэр. Абы дэлэжьахэм, гъащIэм щрихьэлIахэм къагурыIуащ а цIыху щэджащэм илэжьыфа Iуэхухэр къызэрымыкIуэу зэрыщытар. Ар щыпсэуми къыдгурыIуэрт ар, итIани и кIэм нэсу зыхэтщIэртэкъым.  Ар ягу илъынущ   адыгэ лъэпкъым щыщу хэкурысхэми хамэ щIыпIэхэм щыIэхэми.Унагъуэ дахи къигъэнащ МуIэед. БыныфIхэри къехъулIащ: зы щIалэрэ пщащэ цIыкIуитIрэ. Къуэрылъху шырхэри илъэгъуащ: Iущ дыдэхэу щIалэ дыгъитI. Адэм и фэеплъыр я гъуазэу, къахуэна анэр къащхьэщыту узыншэу куэдрэ кIэлъыпсэунухэу дахуолъаIуэ. МуIэед  фIыуэ зыцIыхуахэм, дэлэжьахэм, ныбжьэгъуфIу зиIахэм, и гузэвэгъуэри и гуфIэгъуэри дигуэшу бгъэдэтахэм, къуэш пэлъытэу диIа апхуэдэ ныбжьэгъуфIыр пасэу зэрытфIэкIуэдар, егъэджакIуэу, унэтIакIуэу дапщэщи къэтлъытэу щыта нэхъыжьыфIыр зэрытIэщIэкIам куэду дегъэгумэщI.  И гурылъ псоми хунэсакъым а цIыху гъуэзэджэр…

ЗэпIэзэрыту, зэIуплъынымрэ шыIэныгъэмрэ япэ иту, губжьрэ ткIиягъ ямылейрэ хэмылъу Iуэхугъуэхэм, къэхъукъащIэ зэмылIэужьыгъуэхэм кIуэцIрыплъыныр зи хьэл – щэну псэуа адыгэлIыр ди гум сытым щыгъуи илъынущ.

 

Хъурей Феликс,  философие щIэныгъэхэмкIэ  доктор.
ХьэкIуащэ Мадинэ, филологие щIэныгъэхэмкIэ доктор, профессор.
Багъ Марьям, Урысей Федерацэм щIыхь зиIэ и егъэджакIуэ.
Щоджэн Iумит, Тыркум  щыIэ КАФФЕД-ым и тхьэмадэ.
Джэрыджэ Хьэсэн, Къэбэрдей -Балъкъэр Республикэм Адыгэ жылагъуэ зэгухьэныгъэхэр зэщIэзыгъэуIуэ советым  и лэжьакIуэ.
Бэгърэт Ольгэ, цIыхубэ щхьэщыжакIуэ.
Щоджэн Фэрукъ , Тыркум щыIэ адыгэ зэгухьэныгъэм и тхьэмадэ.
Мысрокъуэ Мачраил, цIыхубэм я Iуэхухэр зэфIэзых.
Гъуафэ Руслан,  цIыхубэм я Iуэхухэр зэфIэзых
Щыхьмырзэ Маркс, политикэ IуэхукIэ  лей къызылъысахэм  щыдэIэпыкъуу Къэбэрдей -Балъкъэрым  къыщызэрагъэпэща IуэхущIапIэм и тхьэмадэ.
Хьэтыжьыкъуэ Валерэ, Къэбэрдей -Балъкъэр  цIыхубэ щхьэщыжакIуэ IуэхущIапIэм и тхьэмадэ.
Бещто Аслъэн, Къэбэрдей- Балъкъэр Республикэм Адыгэ жылагъуэ зэгухьэныгъэхэр зэщIэзыгъэуIуэ советым  и тхьэмадэ.
Хъурей Элеонорэ, филологие щIэныгъэхэмкIэ  доктор
Мамхэгъ Мутлу, Тыркум щыIэ КАФФЕД-ым и тхьэмадэм и къуэдзэ.
Цей Елмэз, Тыркум щыIэ адыгэ федерацэ зэгухьэныгъэм и тхьэмадэм и къуэдзэ.
ХъуэкIуэн Мурат, физикэ -математикэ щIэныгъэхэмкIэ  доктор.
Ало Тимур, филологие щIэныгъэхэмкIэ  кандидат.
Жэмыхъуэ Заур, «Жылэбзэ» зэгухьэныгъэм и тхьэмадэ.
Щокъуи Заур, Къэбэрдей- Балъкъэр  цIыхубэ щхьэщыжакIуэ IуэхущIапIэм и лэжьакIуэ. 

 

лента новостей

посещаемость

Пользователи
1
Материалы
1628
Кол-во просмотров материалов
10664705