Главная страницаМЭШ Исмел: «Дыфщогугъ Сирием щыщ ди лъэпкъэгъу гузавэгъуэ зылъысахэм Хэкум къефшалIэжыну».
ПщIэ зыхуэтщI КIуэкIуэ Къэзбэч
Нобэ Сирием зауэ щекlуэкlым къыхэкIыу хэхэсу абы щыпсэу ди лъэпкъэгъухэм зауэм хэкlуэдэнкlэ шынагъуэ къащхьэщыхьащ. Мы Iуэхум ди лъэпкъыр ирогузавэ, ди къуэшхэм тхьэмыщкlагъэшхуэ къалъысынкlэ шынагъуэщ. Апхуэдэу уэри, уи дамэщIэтхэми мы къэхъуа гузавэгъуэр фигу къызэреуэм шэч къытетхьэкъым. Дыгъуасэ Украинэм къикIахэм хуэфщIа гулъытэмрэ, гущIэгъумрэ хуэдэу ноби лъэпкъым, цIыхубэм я щхьэщыжакIуэу фызэрыщытыр вгъэлъагъуэу ди лъэпкъэгъу гузавэгъуэм хэхуахэм быдэу факъуэувэну дыфщогугъ. Нобэ хуэдэ зы махуэщ цIыхум къуэш, благъэ, цIыхугъэ щIыжиIэжри, дыфщогугъ Сирием щыщ ди лъэпкъэгъу гузавэгъуэ зылъысахэм фи Iэр яхуэфшийну, Хэкум къефшалIэжыну. |